Зызытебгъэщlэн уимыlэмэ – уи лъэми укърихьэкlынущ.
Зызытебгъэкlэн уимыlэмэ – уилъэми укъырахьэкlын.
Зыри къомузми жьыгъэр езыр узыр урокъу.
Зи къыомыузыми жьыгъор ежь узэу пфикъун.
Лъэхъэнэу тlущ щыlэр: блэкlарэ - къэкlуэнрэ, ешанэ щыlэу жызыlэр щоуэр.
Лъэхъанэу тlу щыlэр: блэкlыгъэрэ – къэкlощтрэ,ещанэр щыlэу зыlор хэукъо.
Игъуэ нэмысу дунейр зыхъуэжар гъыбзэщ, фlэкlауэ ехыжар уэрэдадэщ.
Игъуэ нэмысэу дунаир зыхъожьыгъэр гъыбзэ, лыеу щыlагъэм пай орэд.
Куэд ухуеймэ, уиlэр мащlэщ, мащlэр зрибгъэкъумэ куэд уиlэщ.
Бэ уфаймэ, уиlэр макlэ, макlэр зыфибгъэкъумэ бэ уиl.
Къосыр уэс: Тхьэм усэ хужь еус.
Ос къесы: Тхьэм усэ фыжь еусы.
Къэхутакlуэм и гъуэгур кlыфlым хэтщ, и лъэужьыр нэхущ.
Къэфытакlом игъогур кlыткlум хэт, илъэужьыр нэфын.
Лъэпкъым и кхъэм и щытыкlэр и дуней тетыкlэщ.
Лъэпкъым икъэ ищытыкlэ, идунэе тетыкl.
Щlалэгъуалэр лъагъуныгъэм и lумпlэlыгъщ.
Кlэлэгъуалэр лъэгъуныгъэм ишхомлэкlэlыгъ.
Фызрэ лlырэ: гурэ щхьэрэ.
Шъузрэ лlырэ : гурэ шъхьэрэ.
Лlар фlыкlэ уи гу къэгъэкlыжь, псэуху ирапэсар ирикъунщ.
Лlагъэр шlукlэ угу къэгъэкlыжь, псэуфэ рапэсыгъэр икъун.
Нысэкlэ фlы гуащэр хэткlи фlыщ.
Нысэкlэ шlу гуащэр хэткlи шlу.